Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Титу си гъусар алыдж лъэпкъым щыщ пэтми, сунэт заригъэщӀын хуейуэ абыхэм хагъэзыхьакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:3
8 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Паул Тимофей здишэну хуейт. А лъэныкъуэм ис журтхэм щхьэкӀэ Паул зыгуэрым Тимофей сунэт иригъэщӀащ; Тимофей и адэр зэрыалыджыр цӀыху псоми ящӀэрти.


гузэгъэгъуэ згъуэтакъым, си къуэш Тит абы щызгъуэтэкъыми. Арати, къуэшхэм я Ӏэхэр субыдыжри, Македоние хэкум сыкӀуэну гъуэгум сытехьэжащ.


ЦӀыху гуэрхэр дэ къытхэкӀри, „Сунэт фащӀын хуейщ икӀи Мусэ и Торэт хабзэм итхэм федэӀуэн хуейщ“, жаӀэурэ, я псалъэхэмкӀэ фызэӀащӀауэ икӀи фагъэгузэвауэ дэ зэхэтхащ, ауэ ахэр дэ нэдгъэкӀуакъым.


ИтӀанэ, илъэс пщыкӀуплӀ дэкӀа нэужь, Ерусалим сыкӀуащ Варнавэ си гъусэу. Тити здэсшащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.


Уэ, Тит, мы тхылъыр ныпхузотх. Зы фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ си къуэ пэжым хуэдэ ухъуащ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыплърес.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ