Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 ИпэкӀэ къыжытӀэгъар аргуэру къыжызоӀэж: фэ къабыл фщӀа хъыбарыфӀым фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм Тхьэм и ней къыщрехуэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:9
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.


Апхуэдэ мурад сиӀэ щыхъум, си гурылъыр сымыщӀэжу сыщытауэ ара? Е мы дунейм и цӀыхухэм мурад зэращӀым хуэдэу, сэри сщӀырэ? Зэм «Аращ», зэм «Хьэуэ, аракъым», жысӀэу си хабзэ?


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ фыгуфӀэ. А Ӏуэху дыдэхэр аргуэру ныфхуэстхыжыну сэркӀэ гугъукъым, ахэр зэрыстхми и фӀагъ къывэкӀынущ.


Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ.


Антиохие тӀэкӀурэ дэса нэужь, Паул гъуэгум техьэжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми ягухэр игъэбыдэрэ игъэгушхуэу, хэкухэу Галатиерэ Фригиерэ къызэхикӀухьащ чэзу-чэзууэ.


Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ