2 Сэри сэ си гъусэ къуэш псоми Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус фыдох.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм фӀэхъус схуефхыж. Си гъусэ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм папщӀэ зэхуэфхьэс ахъшэм теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящӀэну зэражесӀам хуэдэу, фэри фщӀэ:
Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.
Антиохие тӀэкӀурэ дэса нэужь, Паул гъуэгум техьэжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми ягухэр игъэбыдэрэ игъэгушхуэу, хэкухэу Галатиерэ Фригиерэ къызэхикӀухьащ чэзу-чэзууэ.
Члисэ зэхуэсхэм ящыщхэр ягъэгушхуэурэ, Сирие, Киликие хэкухэр зэхакӀухьащ абыхэм.
Апхуэдэурэ, Иудей, Галилей, Самарие хэку псоми щыӀэ члисэ зэхуэсхэм мамырыгъэ яӀэ хъуащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гурэ псэкӀэ нэхъ къару ягъуэтурэ, Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀыр я гум илъурэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэгушхуэурэ, ахэр нэхъыбэ хъуащ.
Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар?