24 МыкӀуэдыжын фӀылъагъуныгъэ зиӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. Ӏэмин.
– «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу», – жриӀащ Хьисэ.
ЦӀыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иӀэм елъытащ, имыӀэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищӀыр.
Си гъусэ псоми фӀэхъус къуахыж. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ дызылъагъухэм фӀэхъус схуехыж. Тхьэм и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.
ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.
Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, ауэ нэгъуэщӀхэм яӀэ егугъуныгъэшхуэм хуэзгъадэурэ, фэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэм и щыпкъагъэр згъэунэхуну сыхуейщ.
унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ фэ псоми.
Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу, къуэшхэм гузэгъэгъуэрэ фӀэщхъуныгъэр зыхэлъ фӀылъагъуныгъэмрэ къалърес.
Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.