Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:19
34 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.


Иджы, Зиусхьэн, «ФыкъыдэмыдаӀуэу щытмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жаӀэурэ абыхэм зэрыжаӀэм еплъ, уэ уи псалъэхэр цӀыхухэм дытегушхуауэ хуэтӀуэтэну дэ, уи ӀурыщӀэхэм, къару къыдэт.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.


Тхьэм фытхуелъэӀу. МыхъумыщӀэ дигу илъу зыдэтщӀэжыркъым, Ӏуэху псомкӀи щыпкъагъэ дигу илъу, дыпсэуну дыхуейщи.


Тхьэм елъэӀуа нэужь, ахэр щызэхуэса щӀыпӀэм щӀыр щыхъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэрт абыхэм.


Фэ зэрыфщӀэщи, Филиппи къалэм дыщыщыӀам, цӀыхухэм гугъуехь куэд дагъэшэчу, къытхуэхъущӀэу, фи деж цӀыху куэд къыщытпэуву щытами, Тхьэм дигъэгушхуэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтащ.


ФӀэщхъуныгъэмкӀи, псэлъэнымкӀи, щӀэныгъэмкӀи, егугъуныгъэшхуэ псомкӀи, фӀылъагъуныгъэу къытхувиӀэмкӀи – а псоми фызэрыхуэкъулейм хуэдэу, ахъшэ зэхуэхьэсынымкӀи, фи мылъкум фыщымысхьу, а ӀуэхуфӀыр ипэкӀэ вгъэкӀуатэ.


Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.


Аращи, Мэссихь хуэлажьэу, Тхьэм и щэхухэр зи пщэм къыдилъхьа цӀыхуу далъытэн хуейщ.


Къыпэрыуэ лъэпкъ щымыӀэу, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыр Паул цӀыхухэм яхуиӀуатэрт, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбархэри тегушхуауэ цӀыхухэм яригъащӀэрт.


Паул синэгуэгум щӀыхьэри, тегушхуауэ цӀыхухэм едауэурэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр я фӀэщ ищӀу мазищкӀэ яхуиӀуэтащ.


Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;


НэгъуэщӀ гуэркӀи сынолъэӀу: ХьэщӀэщ къысхуэгъэхьэзыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм фызэрысхуелъэӀуам папщӀэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Аращи, апхуэдэ гугъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ гушхуэныгъэ тхэлъу допсалъэ.


Мэссихь фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сыт и лъэныкъуэкӀи Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуащ. Сыт и лъэныкъуэкӀи зэхэфщӀыкӀынуи фыпсэлъэнуи лъэкӀыныгъэ къывитащ,


Паулрэ Варнавэрэ, Зиусхьэным и хъыбарыр тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэурэ, а къалэм куэдрэ зыщаӀэжьащ. Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт техъуэурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри къагъэлъэгъуэну, Ӏуэху телъыджэхэри ялэжьыну Паулрэ Варнавэрэ лъэкӀыныгъэ яритащ.


Варнавэ здишэри, Щаул апостолхэм я деж кӀуащ. Щаул Зиусхьэныр гъуэгум зэрыщилъэгъуари, Зиусхьэныр Щаул къызэрепсэлъари, Дамаск дэс цӀыхухэм Хьисэ и цӀэкӀэ Щаул хъыбарыфӀыр тегушхуауэ щахуиӀуатэу зэрыщытари Варнавэ абыхэм яхуиӀуэтэжащ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


КуэдкӀэ сыфщогугъ. Ину сызэрыпагэр фэращ. Гузэвэгъуэ Ӏэджэм дыхэтми, гушхуэныгъэшхуэрэ гуфӀэгъуэшхуэрэ диӀэщ.


Апхуэдэу, цӀыху куэдыр Тхьэм тхуелъэӀунурэ, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэнущ, абы и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀи цӀыху куэдым ди цӀэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀынущ.


Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ.


Си къуэшхэ, мыбыкӀэ сыныволъэӀу: ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ фӀылъагъуныгъэм щхьэкӀи, гъусэ фыкъысхуэхъуи, Тхьэм фи фӀэщу фысхуелъэӀу.


Синэгуэгум гушхуэныгъэкӀэ къыщыпсалъэу щӀидзащ абы. Прискиллэрэ Акилэрэ Аполлос къэпсалъэу щызэхахым, ар я унэ яшэри, Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарыр нэхъыфӀу къыгурагъэӀуащ.


Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.


Алыджыбзэм техьа журтхэми епсалъэрт икӀи едауэрт, ауэ абыхэм ар къаукӀыну хэтащ.


Фэ, Коринф цӀыхухэ, ӀупщӀу дынывэпсэлъащ, дигури къыфхузэӀутхащ.


Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ