16 Абыхэм нэмыщӀу, фӀэщхъуныгъэр мэӀуху хуэдэ къафщтэ. ШейтӀаным и шабзэ плъахэр абыкӀэ вгъэункӀыфӀын флъэкӀынущ.
А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ.
Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и мафӀэр фымыгъэункӀыфӀ.
Щыпкъэщ, щхьэукъуэркъым, хэжаеркъым Израилым и хъумакӀуэр.
И гуэныхьхэм зыгуэр хущӀемыгъуэжмэ, Тхьэм и джатэр щӀелъыкӀ, и шабзэр еузэдри бзэпсыр ешэщӀ;
Ауэ «Аращ» жыфӀэу псалъэ жыфӀэмэ, абы фытет, «Хьэуэ, аракъым» жыфӀэмэ, абыи фытемыкӀ. Абы къемызэгъыр шейтӀаным и Ӏуэхум щыщщ.
Ауэ дэ махуэм и быну дыщытщи, зышыӀэныгъэ зидвгъэгъэӀэ. ФӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ афэ джанэм хуэдэу зыщыфтӀагъэ, икӀи Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэр тажым хуэдэу дывгъэӀэт.