10 ИкӀэм-икӀэжым, Зиусхьэным и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къару зивгъэӀэ.
ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.
Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ.
НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.
Сыт ищӀысымкӀи теубыдагъэрэ шыӀэныгъэрэ фиӀэн щхьэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэ псомкӀэ фи гур Тхьэм ирегъэбыдэ.
Абы нэмыщӀу сыщӀелъэӀур, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, ди псэм хэлъу, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэри фщӀэн щхьэкӀэщ.
Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу,
Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.
Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ.
СызекӀуэми, зызгъэпсэхуми, Уэ къыздыбощӀэ сэ. Си гъуэгу псоми уащыгъуазэщ Уэ.
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.
ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ фыгуфӀэ. А Ӏуэху дыдэхэр аргуэру ныфхуэстхыжыну сэркӀэ гугъукъым, ахэр зэрыстхми и фӀагъ къывэкӀынущ.
Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.
Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр* зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, лъэкӀыныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Тхьэм и псалъэхэр фи гум илъщ фэ икӀи шейтӀаным фытекӀуащ.