33 Аращи, фэ фщыщ дэтхэнэми, езым и щхьэр фӀыуэ зэрилъагъум хуэдэу, и фызри фӀыуэ ирелъагъу. Фызми и лӀым щӀыхь хурещӀ.
Фэ, фызхэ, Зиусхьэным фызэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, филӀхэми фахуэӀурыщӀэ.
Мэссихь члисэ зэхуэсыр фӀыуэ илъагъуу, и псэр абы зэрыщӀитам хуэдэу, дэтхэнэ лӀыми и фызыр фӀыуэ ирелъагъу.
ЛӀыхэ, фэ фщыщ дэтхэнэми и фызыр фӀыуэ илъагъун хуейщ, абыхэм фахуэпхъэшэн хуейкъым.
Абы нэмыщӀ, мы дунейм дытету ди адэхэм ӀурыщӀэ дащӀмэ, фӀэлӀыкӀ яхудиӀэщ. Дыпсэун щхьэкӀэ, уафэм тес ди Адэ лъапӀэм абы нэхърэ нэхъыбэу дыхуэӀурыщӀэн хуейщ.
«Фыкъэувурэ, Сэ сызэры – Тхьэр зэвгъащӀэ: цӀыху лъэпкъхэми сагъэлъапӀэ, сыщагъэлъапӀэ щӀыгуми».
А псалъэхэм яхэлъ щэхур щэхушхуэщ: Сэ къызэрызгурыӀуэмкӀэ, а псалъэхэр зытеухуар Мэссихьрэ члисэ зэхуэсымрэщ.