22 Фэ, фызхэ, Зиусхьэным фызэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, филӀхэми фахуэӀурыщӀэ.
Фызхэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу.
ЦӀыхубзми жриӀащ: – ИкъукӀэ хэзгъэхъуэнущ уи хьэзабхэр уэндэгъугъэкӀэ; узым ухэту къэплъхунущ уи сабийхэр; уи лӀым хьэщыкъ ухуэхъунурэ ар тепщэ пхуэхъунущ.
Фэ, фызхэ, Зиусхьэным фызэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, филӀхэми фахуэӀурыщӀэ.
ЦӀыхубзхэр члисэ зэхуэсым щрещым. Ахэр псэлъэну хуиткъым, атӀэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу, я щхьэгъусэхэм яхуэӀурыщӀэн хуейщ.
Фэ, унэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм фащышынэу, фигури къикӀэзызыкӀыу федаӀуэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ фызэредаӀуэм хуэдэу, абыхэми федаӀуэ.
Мэссихь фригъусэу Тхьэм лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ. Аращи, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу Мэссихь здэщыӀэ уафэм и Ӏуэхухэм я ужь фит.