Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Мэссихь и фӀэлӀыкӀ фи гум илъурэ, фызэхуэӀурыщӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:21
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.


Члисэ зэхуэсыр Мэссихь зэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, фызри и лӀым сыт ищӀысымкӀи хуэӀурыщӀэн хуейщ.


Фэ, фызхэ, Зиусхьэным фызэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, филӀхэми фахуэӀурыщӀэ.


Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».


Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.


ЦӀыху псоми щӀыхь яхуэфщӀ, къуэшхэри фӀыуэ флъагъу, Тхьэми фыщышынэ, пащтыхьми щӀыхь хуэфщӀ.


И унагъуэр фӀыуэ зэрихьэу, и бынхэм щӀыхь зыхуригъэщӀу, игъэӀурыщӀэфу щытын хуейщ.


Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу.


Зыри жимыӀэу икӀи куэду ӀурыщӀэу Тхьэм и Ӏуэхухэр зригъэщӀэн хуейщ цӀыхубзым.


СыныволъэӀу, апхуэдэ цӀыхухэми, абыхэм ядэлажьэхэми, я гъусэ гугъуехьакӀуэхэми фахуэӀурыщӀэ.


Зиусхьэным и гъуэгум фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ тепщэныгъэ зиӀэ цӀыху псоми фахуэӀурыщӀэ: псоми я тепщэ пащтыхьыр арами, абыи фыхуэӀурыщӀэ,


ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.


– Уи бысым зиусхьэн гуащэм деж гъэзэжи, абы хуэжыӀэщӀэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым абы.


Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ ди гум илъыныр зыхуэдэр дощӀэри, цӀыхухэр абы и гъуэгум тедгъэхьэну дыхэтщ. Ди гум илъыр ТхьэмкӀэ нахуэщ, фэри фигукӀэ ди гум илъыр фщӀэуэ сыфщогугъ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ