20 Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ Ӏуэху псом щхьэкӀи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм зэпымыууэ щӀыхь хуэфщӀ.
Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.
Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейри.
Аращи, Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ зэпымыууэ хуэдвгъэщӀ – а щӀыхьышхуэр арщ дэ ди къурмэныпхъэр – езым и цӀэр зыгъэлъапӀэ жьэм къажьэдэкӀыр арщ дэ ди къурмэныпхъэр.
Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.
ХъуанэцӀанэр, зыри къызэрымыкӀ гушыӀэ мышыур фэ фхуэфащэкъым, фхуэфащэр Тхьэм щӀыхь хуэфщӀынырщ.
Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.
Сызыгъэбийхэр гъэбий, Зиусхьэн, къызэбэнхэм ебэн.
Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.
Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.
Мэссихь фи псэм щыщу Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ хузощӀ.
Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.
Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.
Си гум фыкъэкӀыжыху къэс, си Тхьэм щӀыхь хузощӀ.
Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.
Фэр щхьэкӀэ Тхьэм и пащхьэм щыдиӀэ гуфӀэгъуэ псоми хуэфащэу, фэр щхьэкӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ Тхьэм хуэтщӀын ирикъуну?
Псом япэрауэ, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыр дунейм дэнэкӀи цӀыхухэм зэрыщаӀуатэм щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фэ псоми папщӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ,
Дунейм и кӀэухыр къэсынущ абы и ужькӀэ. Ар къыщыскӀэ, Мэссихь Ӏэтащхьэ псори, тепщэныгъэ зиӀэ псори, лъэкӀыныгъэ зиӀэ псори игъэкӀуэда нэужь, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм тепщэныгъэшхуэр абы къритынущ.