Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:18
33 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Махуэм и нэхум хэт цӀыхухэм яхуэдэу, хабзэм тету дывгъэпсэу; щхьэрутӀыпщу фэ ешхэн-ефэным зыдедвмыгъэхьэх, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэм, зэщыхьэным, фыгъуэным дыхэвмыгъэт.


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ ар цӀыхушхуэ хъунущ, санэрэ зыгъэудэфэн фадэрэ ефэнукъым икӀи и анэм и ныбэм щилъам щыщӀэдзауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьэнущ.


Ныфхуэстхар мыращ: Фи къуэшу зыгуэрым зилъытэжми, абы зинэ ищӀэмэ, е нэпсеймэ, е тхьэ нэпцӀхэр игъэлъапӀэмэ, е нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьмэ, е ефакӀуэу щытмэ, е хъунщӀакӀуэу щытмэ, апхуэдэ цӀыхум гъусэ фыхуэмыхъу. Апхуэдэ цӀыхум икӀи фыдэмышхэ.


Варнавэ цӀыхуфӀу щытащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри фӀэщхъуныгъэри и гум ину илъащ. Апхуэдэурэ, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм куэд къыхэхъуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ жэщырщ цӀыхур щыжейр, икӀи жэщырщ ефэхэр щефэр.


Ауэ а унэӀутым игукӀэ «Си тепщэр къэгувэнущ» жиӀэу адрей унэӀут цӀыхубзхэми цӀыхухъухэми яхэуэу икӀи ефэ-ешхэурэ удафэу щиублэкӀэ,


Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зарефтынур фощӀэ. АтӀэ, абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ яритынукъэ Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и Псэ ЛъапӀэм къелъэӀухэм?


дыгъуакӀуэхэми, нэпсейхэми, ефакӀуэхэми, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьхэми, хъунщӀакӀуэхэми Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.


Нэхъыжьыр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ лӀыуэ щытын хуейщ. И бынхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэн хуейщ. Ахэр мыхъумыщӀэ псэукӀэкӀи мыдэӀуэныгъэкӀи къуаншэ хъу хъунукъым.


– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фышхэ щыхъукӀэ, зыр адрейм пэмыплъэу, шхэн щӀыводзэ. Апхуэдэу, зыр ныбэнэщӀу къонэ, адрейр чэф мэхъури мэудафэ.


Абы санэ ирифри чэф хъуауэ щӀэлът и шэтырым пцӀанэу.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, ауэ я кӀуэцӀым нэпсеягъэмрэ зымышыӀэныгъэмрэ изщ.


адрей унэӀутхэм яхэуэу икӀи ефакӀуэхэм ядефэу-ядешхэу щиублэкӀэ,


жриӀащ: – СанэфӀыр Ӏэнэм япэ къытрагъэувэ. ХьэщӀэхэр куэд ефа нэужь, санэ нэхъ пудыр Ӏэнэм къытрагъэувэ, ауэ уэ фадэфӀыр иджыри къэс щыбгъэтащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ