Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Аращи, фи псэукӀэмкӀэ лъэщу фызыхуэсакъыж, акъылыфӀагъэ зимыӀэхэм фахуэмыдэу, акъылыфӀагъэ зиӀэхэм фахуэдэу фыпсэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:15
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.


Фэ фщыщу хэт акъыл куурэ гулъытэфӀрэ зиӀэр? Абы и дуней тетыкӀэ дэгъуэмкӀэ, акъылыфӀагъэм къыхэкӀ гущабагъэр иӀэу, и фӀыщӀагъэхэр кърегъэлъагъуэ.


Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,


Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.


Ауэ бей хъуну хуейхэр гуэныхь щӀэным дезыгъэхьэх Ӏуэхум хохуэри, шейтӀаным Ӏэрохуэ. ПщӀэ зимыӀэ, зи ягъэ къэкӀуэ хъуэпсэныгъэу, цӀыхухэр зыгъэунэхъуу, кӀуэдыпӀэм хуэзышэхэм яубыд ахэр.


Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,


– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.


Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.


– Сыту фызэхэщӀыкӀыншэ, бегъымбархэм жаӀэгъа псори фи фӀэщ хъун щхьэкӀэ, сыту гугъу фехьрэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Апхуэдизу фыакъылыншэхэ? Къыщывублам щыгъуэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыщыгугъащ, иджы цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фи лъэкӀыныгъэкӀэ фыхунэсыну фыхуей?


Фысакъ, къэпсалъэм фи щӀыб хуэвмыгъазэ. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыр щӀылъэм къыщыжызыӀэгъам зи щӀыб хуэзыгъэзахэм яхуэфащэ тезырыр ягъуэтыжащ. Аращи, уафэм къикӀыу дэ къыдэпсалъэм ди щӀыб хуэдгъазэмэ, абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэ тезырыр дгъуэтынукъэ?


Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ: – Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.


Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.


ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.


Аращи, фэ фщыщ дэтхэнэми, езым и щхьэр фӀыуэ зэрилъагъум хуэдэу, и фызри фӀыуэ ирелъагъу. Фызми и лӀым щӀыхь хурещӀ.


Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.


Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар?


яжриӀащ: – Лъы хейр зэрыфэзгъэубыдамкӀэ гуэныхь сщӀащ. – Абы дэ ди Ӏуэху хэлъкъым, уэращ зи Ӏуэху хэлъыр, – къыжраӀащ абыхэм.


Абыхэм ящыщу тхур ахьмакът, тхур Ӏущт.


Зыкъэужьи, ди Тхьэ, хъумэ уи Ӏуэхухэр, цӀыху акъылыншэхэм махуэ къэс узэраубыр уигу къэгъэкӀыж;


Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ