12 Апхуэдэ цӀыхухэм ялэжь Ӏуэху щэхухэм я гугъу пщӀын къудейри емыкӀущ.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрахуэфащэращи, зинэ щӀэным, сыт хуэдэ гуфӀеягъэми е нэпсеягъэми я гугъу фи зэхуакум щыфщӀ хъунукъым.
А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.
ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ.
Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.
ПщӀэ зимыӀэ кӀыфӀым и Ӏуэхухэм фи Ӏуэхур хэвмылъхьэ, атӀэ а Ӏуэхухэр зыхуэдэр къыщӀэвгъэщ.
Ауэ нэхум Ӏуэху псори ӀупщӀ щищӀкӀэ, ахэр къолъагъуэ, къэлъагъуэ псори нэху мэхъури.