Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Зиусхьэным игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр вгъэунэху икӀи зэвгъащӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:10
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, зыми имыгъэхъеифыну тепщэныгъэр Тхьэм къызэрыдитым щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ. ДгъэлъапӀэу, фӀэлӀыкӀ худиӀэу, и гум дрихьу дыхуэвгъэлажьэ,


Мыхъун фщӀауэ къыщывэуэкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэми, фэркӀэ сыт хуэдэ щӀыхь абы хэлъыр? ФӀы фщӀэ пэтми, гугъуехь щывагъэшэчкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэнырщ Тхьэм игу ирихьыр.


Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.


Ар фӀыщ икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм игъуэу елъытэ.


Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.


Ахэр игу илъмэ, Мэссихь хуэлажьэ цӀыхур Тхьэм и гум ирохь, цӀыхухэми я гуапэщ ар.


Фызабэ гуэрым и бынрэ и бынхэм къащӀэхъуарэ иӀэмэ, езыхэм я унагъуэм щӀыхь хуащӀыну япэщӀыкӀэ зрагъэсэн хуейщ, я адэ анэхэм къыхуащӀари хуащӀэжын хуейщ, ар Тхьэм игъуэу елъытэри.


Фи тыгъэ псори къысӀэщӀыхьащ, схурикъури къызэлыжащ. Епафродит къысхуевгъэхьа тыгъэхэр къысӀэщӀыхьащи, сызыхуэныкъуэ щыӀэкъым. Ахэр Тхьэм ищтэ къурмэныпхъэу и гум ирихьу, мэ ӀэфӀ къызыпихым хуэдэщ.


Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ