Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Тхьэуэ цӀыху псоми я Адэ лъапӀэри зыщ. Абы цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэщ, къэхъугъэ псоми Ӏуэху зыхурегъэлэжь, ар псоми ди псэм щыщщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:6
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ӏуэху псори Тхьэм и Ӏэм къикӀащ. И лъэкӀыныгъэкӀэ икӀи и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ Ӏуэху псори къэхъуащ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин.


дэ зы Тхьэ закъуэщ диӀэр, ар Адэ лъапӀэр арщ. Псори къэзыгъэщӀар езыр арщ, езым щхьэкӀэ дэри дыпсэущ. Зы Зиусхьэн закъуэщ диӀэр, ар Хьисэ Мэссихьщ. Тхьэм абы щыӀэ псори къригъэгъэщӀащ, абы гъащӀэ къыдет.


– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».


Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. Тхьэр ди псэм зэрыхэлъыр дэзыгъащӀэр езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьар арщ.


– Тхьэм мыпхуэдэу фелъэӀу: «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.


Тхьэм и унэшхуэмрэ тхьэ нэпцӀхэмрэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ, Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу: «Сэ абыхэм сахэсынущ икӀи сахэтынущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри си лъэпкъыу щытынущ.


Тхьэм цӀыхухэм Ӏуэху ящӀэну лъэкӀыныгъэ зэраритыр зэхуэмыдэщ, ауэ а Ӏуэху псори цӀыху псоми ящӀэну лъэкӀыныгъэ езыт Тхьэр зыщ.


Ар Тхьэм хуелъэӀури и нэфӀ къыщыхуэну жиӀащ: – Тхьэуэ я нэхъ Лъагэу, уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, Ибрам и нэфӀ щрехуэ;


Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу, къуэшхэм гузэгъэгъуэрэ фӀэщхъуныгъэр зыхэлъ фӀылъагъуныгъэмрэ къалърес.


Фэ Мэссихь фи псэм щыщщи, мывэхэм фахуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зэрыс унэм Мэссихь фэри фыхегъэувэ.


Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.


– Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщӀэнущ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си Адэми ар фӀыуэ къилъагъунущ, а цӀыхум деж дыкъэкӀуэнурэ, абы и псэм щыщ дыхъунущ.


ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».


И щӀыхьыр яхуэфӀуатэ цӀыху лъэпкъхэм, и телъыджащэхэр лъэпкъ псоми евгъащӀэ.


Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэ псоми, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ псоми, пашэ псоми, мы дунейм и мызакъуэу, къэкӀуэну дунейми зи цӀэ къыщыраӀуэ псоми Тхьэм Мэссихь япщ ищӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ