ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр31 Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, сызэрыхуейуэ фэ фыщымыту фыкъэзгъуэту, фэри фызэрыхуейуэ сэ сыщымыту сыкъэвгъуэтынкӀэ сошынэ. Зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, зэгурымыӀуэныр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, бзэгу зехьэныр, зыкъыфӀэщӀыжыныр къыфхэхъыжьэу, Ӏуэхухэр зэхэвынэ хъункӀэ сошынэ.
Уафэм макъ лъагэ гуэр къиӀукӀри, мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ДымыкӀуэду ди Тхьэм дыкъригъэлащ иджы. Ди Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и Тепщэныгъэшхуэмрэ къэлъэгъуащ иджы, езы Тхьэм и Мэссихь и къаруушхуэри къэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди къуэшхэр зыгъэмысэу, Тхьэм и пащхьэм жэщи махуи ахэр щызыгъэкъуаншэр щӀылъэм кърадзыхащ.