Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:30
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Арати, хущӀегъуэжащ Зиусхьэныр щӀылъэм цӀыхур къызэрыщигъэщӀам, икӀи и гум щӀыхьэжащ ар.


– ЦӀыху ерыщхэ! Фэ фигухэмкӀи фи тхьэкӀумэхэмкӀи Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм фахуэдэщ. Фэ, фи адэжьхэм ещхьу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыпэув зэпытщ.


Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу.


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.


ЖиӀащ Зиусхьэным: – ЦӀыхухэр игъащӀэкӀэ псэуну хуит сщӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм лӀэныгъэ къащӀэлъщ; ирехъу абыхэм я гъащӀэ махуэхэр илъэсищэрэ тӀощӀрэ.


ЯжефӀэ цӀыху лъэпкъхэм: «Тепщэныгъэр иӀыгъщ Зиусхьэным!» Абы папщӀэ быдэу игъэуващ дунеишхуэр, къэскӀэнкъым ар. ЦӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр щыпкъагъэкӀэ зэхихунщ Абы.


Абы щхьэкӀэ а цӀыхухэм сахуэгубжьри, мыпхуэдэу жысӀащ: „Ахэр ягукӀэ зэпымыууэ мэгъуащэ, си гъуэгухэр зыхуэдэри ящӀэркъым“.


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Тхьэр илъэс плӀыщӀкӀэ зыхуэгубжьауэ щытар хэт? Гуэныхь зыщӀауэ, зипкъхэр губгъуэ нэщӀым къинэжахэракъэ?


Пкъы кӀуэдыжынум мыкӀуэдыжыныгъэм и фащэр зыщитӀэгъа нэужь, лӀэжыну пкъыми мыкӀуэдыжын гъащӀэм и фащэр зыщитӀэгъа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъунущ: «Тхьэм текӀуэныгъэр къихьри, лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ».


А Ӏуэхухэм къэхъуу щыщӀадзэкӀэ, фытэджи, фи щхьэр къэфӀэт, Тхьэм гугъуехьыр щыфщхьэщихыжыну махуэр къэблэгъащи.


Абы и щыхьэтыгъэр зыдам Тхьэр зэрыщыпкъэр идауэ мэхъу.


Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ