3 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэакъылыгъу фищӀащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыӀуэныгъэмкӀэ фыхущӀэкъу.
Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.
ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.
– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.
Абыхэм ялэжь Ӏуэхум щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ яхуэфщӀ икӀи фӀыуэ флъагъу. ФызэгурыӀуэ.
Зы пкъым дыщыщыщщ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри зыщ, дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхуу Тхьэм дыкъызыхуриджари зыщ.
Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.
Зы къэралыр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.