Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 ЕмыкӀу псалъэ фи жьэм къыжьэдэвмыгъэкӀ, адрей цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфӀхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкӀ, а псалъэхэр зэхэзых цӀыхухэм фи фӀагъ евгъэкӀын щхьэкӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:29
41 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Псалъэ мышыухэр хэмыту, фи псалъэхэр ирегуапэ. Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащӀэ.


Аращи, зым адрейр ирырегъэгушхуэ икӀи зым адрейм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ирырегъэгъуэт, иджы зэрыфщӀым хуэдэу.


Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


Акъылыншэм игукӀэ жеӀэ: «ЩыӀэкъым Тхьэ». Абыхэм я акъылыр зэкӀуэкӀащ, Бзаджагъэ Ӏейхэр ялэжьащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым абыхэм


Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.


ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ. – Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ.


Зиусхьэн! Си бийхэм ягу хэбгъэщӀу, уи щыпкъагъэм и гъуэгукӀэ сызешэ. Уи гъуэгур занщӀэ къысхуэщӀ.


Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ,


Езы Мэссихьыращ пкъым къару езыгъэгъуэтри, пкъыр зэзыпхыурэ пкъы псори зэхэзыгъэувэри, зэщӀэзыубыдэри. Апхуэдэу пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкӀэ, пкъым хохъуэ, фӀылъагъуныгъэкӀи къару нэхъ егъуэт.


Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ.


ДэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ, гуащӀэ къыдэзытыр Тхьэращ, гугъуехьхэр къытщӀэзэрыхьмэ, Ар гъэунэхуауэ ди дэӀэпыкъуэгъущ.


Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.


Ауэ члисэ зэхуэсым сыщыӀэу, сымыщӀэ бзэкӀэ псалъэ мин къыжысӀэным нэхърэ, цӀыхухэм Ӏуэху гуэрхэр езгъэщӀэн щхьэкӀэ, си акъылкӀэ псалъитху къыжысӀэныр нэхъ къызощтэ.


Аращи, зэгурыӀуэныгъэ къэзыхь Ӏуэхухэми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зэрыдгъуэт Ӏуэхухэми я ужь дивгъэт.


Дэ тщыщу хэти и гъунэгъум фӀы хуищӀэурэ, арэзы ищӀын хуейщ, гурэ псэкӀи нэхъ лъэкӀыныгъэ иригъэгъуэтын хуейщ.


Иуан и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀым абы ар жиӀэу щызэхахым, Хьисэ и ужь иуващ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ