Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:28
33 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ФӀы щӀэным хэтыну, фӀы щӀэнымкӀэ бей хъуну, я мылъкум щымысхьу, яӀэм щыщкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ягуапэу етэну унафэ яхуэщӀ.


Аращи, Ӏэмал дгъуэтыху къэс цӀыху псоми фӀы яхуэдвгъащӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я унагъуэм щыщхэр арщ псом япэу фӀы зыхуэтщӀэн хуейр.


Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.


Закхей къэтэджри, Зиусхьэн Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн! Мис, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэзгуэшынущ. ЦӀыху гуэр къэзгъэпцӀаӀамэ, хуэдиплӀ естыжынущ.


ЦӀыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иӀэм елъытащ, имыӀэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищӀыр.


Гузэвэгъуэ хэтурэ, я щыпкъагъэр икъукӀэ гъэунэхуа щыхъум, тхьэмыщкӀэ дыдэу щытахэри, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, я мылъкуми щымысхьу, къуэшхэм ядэӀэпыкъуащ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, фадэӀэпыкъу. ХьэщӀэр зэрывгъэлъэпӀэным фыхущӀэкъу.


Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.


Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч.


А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.


Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ