27 ШейтӀаным гъуэгу евмыт.
Аращи, Тхьэм фыхуэӀурыщӀэ. ШейтӀаным фыпэуви, ар фи пащхьэм икӀынурэ щӀэпхъуэжынущ.
ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.
Абыхэм нэмыщӀу, фӀэщхъуныгъэр мэӀуху хуэдэ къафщтэ. ШейтӀаным и шабзэ плъахэр абыкӀэ вгъэункӀыфӀын флъэкӀынущ.
Тхьэм и Ӏэщэ-фащэ псомкӀи зыфгъэпс, шейтӀаным и гъэпцӀагъэ мурадхэм фапэувыжын щхьэкӀэ.
Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?
ФӀыуэ слъагъухэ, зыгуэрым бзаджагъэ къывищӀэмэ, бзаджагъэ евмыщӀэж, ауэ Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным жиӀар и псалъэ тхахэм яхэтщ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ, абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ».