Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Аращи, пцӀы упсыныр зыхэвни, хэти езым и гъунэгъум щыпкъагъэр щытрырет, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псори зыпкъ закъуэм дыщыщщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:25
42 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ФызэрымыгъэпцӀэж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэр, абы и Ӏуэхухэри щӀыгъуу, зыхэвныжри,


Апхуэдэу, дэри куэд дыхъуми, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, зыпкъ закъуэ дохъу, дэтхэнэ зыри адрейхэм ящыщщ.


ФӀылъагъуныгъэр ди гум илъу, щыпкъагъэр къыжытӀэурэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи Мэссихь хуэдэ дыхъуурэ зыдужьынущ. Езыращ щхьэр.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.


Жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэр къызыпкърыкӀыр напитӀ зиӀэ пцӀыупсхэр арщ. ФӀыри ери зэхадзын ялъэмыкӀыжыну, гъущӀ дамыгъэтедзэ плъамкӀэ хагъэсыкӀам хуэдэу, апхуэдэ цӀыхухэм ягухэр щытынущ.


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


зинэ зыщӀэхэр, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэр, цӀыху зыщэхэр, пцӀы зыупсхэр, щыхьэт нэпцӀхэр икӀи, хэту щытми, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхуу узыщыгугъ хъунухэм темытыр. ЩӀыхьышхуэ зиӀэ а хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъэщӀэну зи щӀыхьыр ин Тхьэм си пщэм къыдилъхьащ.


Тит и пащхьэм сыкъыфщыщытхъуащ, фэри сывгъэукӀытакъым. Щыпкъэ псори нызэрывжетӀам хуэдэу, Тит и пащхьэм дыкъызэрыфщыщытхъуа Ӏуэхухэри пэжу къыщӀэкӀыжащ.


Абыхэм ящыщ тхакӀуэ гуэрым жиӀащ: «Крит хытӀыгум щыщхэм зэпымыууэ пцӀы яупс, хьэкӀэкхъуэкӀэ бзаджэхэм хуэдэщ, хуэмыхущ икӀи ныбаблэщ».


ЩӀакхъуэр зы закъуэу зэрыщытым щхьэкӀэ, дэ дыкуэду щытми, дызщ; а щӀакхъуэ закъуэм дэ ди Ӏыхьи хэлъщи.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


Тхьэр уафэгум къоплъыхри, цӀыхум и къуэхэм къахоплъэ акъылыфӀэу, Езым лъыхъуэ яхэтмэ, ищӀэн папщӀэ.


Зиусхьэным жызоӀэ сэ: «Уэращ си Зиусхьэныр; фӀыуэ сиӀэр къызыбгъэдэкӀыр* Уэращ».


Фи псэукӀэжьым щыщу фи щэныжь бзаджэр зыхэвнын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэу фыкъэзыгъапцӀэхэмкӀэ фигъэунэхъуну хэтащ.


Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж.


Ауэ иджы мыпхуэдэ Ӏуэху псори зыхэвныжын хуейщ: Губжьыныр, къызэщӀэплъэныр, бзаджагъэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, емыкӀу псэлъэкӀэр.


Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж.


Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.


Аращи, бзаджагъэ псори, хьилагъэ псори, бзитӀщхьитӀыгъэри, фыгъуэныгъэри, цӀыхухэм ӀейкӀэ фытепсэлъыхьынри зыхэвн.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ