Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 Фи псэукӀэжьым щыщу фи щэныжь бзаджэр зыхэвнын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэу фыкъэзыгъапцӀэхэмкӀэ фигъэунэхъуну хэтащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:22
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.


Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж.


Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.


Гуэныхь щӀэным и хьилагъэкӀэ дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкӀэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ, «Нобэ» жыхуаӀэ зэманым дыхэтыху.


ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.


Аращи, пцӀы упсыныр зыхэвни, хэти езым и гъунэгъум щыпкъагъэр щытрырет, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псори зыпкъ закъуэм дыщыщщ.


Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.


Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.


Взаджагъэу ящӀам хуэфащэр ягъуэтыжынущ. Махуэ къэси ахъшэ куэд зытрагъэкӀуадэу, загъэтхъэжыну псэуну яфӀэфӀщ. КъыщывдэшхэкӀэ, щӀыкӀейуэ икӀи напэтехыу щытхэурэ, фыкъызэрагъапцӀэмкӀэ загъэтхъэж.


ЗэрыфщӀэщи, фи адэжьхэм къызэранэкӀа пщӀэ зимыӀэ псэукӀэм фыхишыжыну Мэссихь фи щхьэхэр ищэхужащ. Фи щхьэхэр зэрищэхужар кӀуэдыжыну дыжьыныр е дыщэр аракъым,


Ар фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сунэт фащӀам фыхуэдэщ. ЦӀыхухэм ӀэкӀэ ящӀа сунэткъым ар, атӀэ къызыпкърыкӀар Мэссихьщ. Ар къыщыхъуар Мэссихь фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр щызыхывигъэна махуэрщ.


Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


Щыпкъагъэ зигу илъ ЛутӀу Тхьэм и унафэхэм текӀа цӀыхухэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм къыхэкӀкӀэ ешар абыхэм ядэмыкӀуэду Тхьэм къригъэлащ,


Журт диным сыхэту згъэкӀуа гъащӀэр зыхуэдэм и хъыбарыр зэхэфхащ. Тхьэм и члисэ зэхуэсхэм щыщхэм гугъуехьышхуэ езгъэшэчу, згъэкӀуэдыну и ужь ситащ.


Тхьэм и унафэкӀэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, сыкъигъэпцӀащ, а унафэ дыдэмкӀи сигъэлӀащ.


Зыгуэрым Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъ фӀэщӀу, ауэ и бзэр имыубыдмэ, абы и щхьэр къегъэпцӀэж, и динри пщӀэншэщ.


Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.


Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ