Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Мэссихь и хъыбарыр фэ зэхэфхащ, езыри фи псэм щыщу, абы хэлъ щыпкъагъэр зэхэфщӀыкӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:21
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


Фэ фи псэми Мэссихь щыщ хъуащ. Мэссихь фи псэм щыщ щыхъуар щыпкъагъэм теухуа хъыбару, фымыкӀуэду фыкъезыгъэл хъыбарыфӀыр щызэхэфхам щыгъуэщ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу дыкъызэригъэгугъар мыхъурым хуэдэу фи гум кърилъхьащ.


Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщӀыхь, фи гъащӀэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщӀам хуэдэу, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ быдэ фиӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ зэпымыууэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр аращ. Дунейм и цӀыхухэм ар зэрамылъагъум икӀи зэрамыцӀыхум щхьэкӀэ, ягу ирагъэлъын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ фэ ар фоцӀыху, ар фи гъусэщи икӀи фи гум сыт щыгъуи илъщи.


Мэссихь и щыпкъагъэу си гум илъымкӀэ жызоӀэ, Ахаие хэку псом исхэм ящыщу зыми си щытхъур сӀихын лъэкӀынукъым.


Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэху псоми «Аращ», икӀи «Ӏэмин» яхуэхъуурэ, ахэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр Мэссихьщ, дэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


Си мэлхэр си макъым йодаӀуэ. Сэ ахэр соцӀыху, езыхэри си ужь иту къокӀуэ.


Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.


– Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.


Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.


хыр къэукъубейрэ псыдзэр къытщӀэуэми, хы уалъэм бгыр зэрадзэми.


Ауэ ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ ямыӀэмэ, дауэ зэрелъэӀунур? Абы и хъыбари зэхамыхамэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъунур? Абы и хъыбари зыми яхуимыӀуатэмэ, дауэ зэрызэхахынур?


Мэссихь къакӀуэри, фэ, Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэми, абы и гъунэгъуу щыта цӀыхухэми, зэкӀужыныгъэм и хъыбарыр къывигъэщӀащ.


Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ.


Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ