20 Ауэ Мэссихь и хъыбарыр фэзыгъэщӀа цӀыхухэм а хъыбарыр щӀывагъэщӀар аракъым.
Бегъымбархэм мыпхуэдэу ятхащ: «Тхьэм абыхэм псоми щыпкъагъэр яригъэщӀэнущ». Адэ лъапӀэм жиӀэм едаӀуэу, ахэр зэзыгъащӀэ дэтхэнэри си деж къэкӀуэнущ.
Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;
Мэссихь езым и Псэ ЛъапӀэр фэ къыфхуригъэхащ, и Псэри сыт щыгъуи фи гум илъынущ икӀи зыгуэрым зыгуэр фигъэщӀэну фыхуэныкъуэкъым, Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэхугъуэ псоми ятеухуахэр фегъащӀэри. Абы щыпкъагъэ иӀэщ икӀи пцӀы хэлъкъым. Мэссихь зэрывигъэщӀам хуэдэу, езыр фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.
Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.
Мэссихь и хъыбарыр фэ зэхэфхащ, езыри фи псэм щыщу, абы хэлъ щыпкъагъэр зэхэфщӀыкӀащ.