2 Фымыпагэ, гущабагъэри шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ, фӀылъагъуныгъэкӀэ зым зыр ирешыӀэ.
ФӀылъагъуныгъэм мыхъумыщӀэ псори егъэгъу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыӀэ иӀэщ сыт щыгъуи.
Дэ, фӀэщхъуныгъэшхуэ зиӀэхэр, ди фӀагъым и ужь димыту, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я хьэлъэхэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ.
Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;
Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.
СфӀэгъэщӀэгъуэн дыдэщ Уэ зэхэщӀыкӀыу къысхууиӀэр – куущ, сылъэӀэсын слъэкӀыркъым.
Зиусхьэну Тхьэр фигукӀэ вгъэлъапӀэ. Фи гугъапӀэмкӀэ хэт къывэупщӀми, Ӏэдэбу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фигу зэрилъымкӀэ жэуап ефтыжыну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт.
Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.
Зым и хьэлъэр адрейм дреӀэт. Апхуэдэу хъумэ, Мэссихь и унафэр вгъэзэщӀауэ арщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.
Пагагъэ лъэпкъ сигу имылърэ, си гур куэдрэ къигъыкӀыу, журтхэм щэхуу щӀэпхъаджагъэу къыскӀэлъызэрахьэну я гум илъу щытамкӀэ хьэзаб куэд сагъэшэчурэ, Зиусхьэным сыхуэлэжьащ.
– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.
хыр къэукъубейрэ псыдзэр къытщӀэуэми, хы уалъэм бгыр зэрадзэми.
Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.
Сыт ищӀысымкӀи теубыдагъэрэ шыӀэныгъэрэ фиӀэн щхьэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэ псомкӀэ фи гур Тхьэм ирегъэбыдэ.
ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.