19 Гулъытэ ямыӀэу, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратащ абыхэм, загъэнщӀыни ялъэмыкӀыу, сыт хуэдэ мыкъабзэныгъэми хэтщ.
Жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэр къызыпкърыкӀыр напитӀ зиӀэ пцӀыупсхэр арщ. ФӀыри ери зэхадзын ялъэмыкӀыжыну, гъущӀ дамыгъэтедзэ плъамкӀэ хагъэсыкӀам хуэдэу, апхуэдэ цӀыхухэм ягухэр щытынущ.
Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.
Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ и зинэмрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ Дунейм и пащтыхьхэми а къалэшхуэм зинэ дащӀащ. А къалэшхуэр мы дунейм и мылъкухэмкӀэ нэпсейуэ зэрыщытам щхьэкӀэ, дунейм и сатуущӀэхэр бей хъуащ».
Псалъэжь пэжым тету абыхэм къащыщӀащ: «Хьэр и къэжьахуэм деж мэкӀуэж» икӀи «ягъэкъэбзэжа кхъуэр фӀейм зыхигъэукӀуриену егъэзэж».
Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.
Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.
нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр.