18 Я зэхэщӀыкӀ кӀыфӀщ, я ерыщыгъэм къыхэкӀкӀи зыри къагурымыӀэу, Тхьэм цӀыхухэм къарит гъащӀэм пэжыжьэщ ахэр.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытамэ, я нэхэмкӀи ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀынт, си дежи къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».
Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.
«Тхьэм абыхэм анэхэр нэф ищӀащ, ягухэри ерыщ иригъэкӀуащ. Аращи, я нэхэмкӀэ ялъагъуркъым, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀыркъым, Тхьэм игъэхъужын щхьэкӀи абы деж къагъэзэжыркъым».
Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.
ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.
Тхьэм икъукӀэ фыпэмыжыжьэу фыщытащ пасэм, фигукӀэ фрибийуэ бзаджагъэхэр фщӀэуэ.
Ауэ зи къуэшыр жагъуэу зылъагъур кӀыфӀыгъэм хэтщ икӀи кӀыфӀыгъэм хэту зокӀуэ, здэкӀуэри ищӀэркъым, и нэхэр кӀыфӀыгъэм къыщипхъуащи.
БлэкӀа зэманым Тхьэр фымыщӀэу фыщыщытам, тхьэкӀэ зэджэ тхьэ нэпцхэм фахуэлэжьащ.
Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.
Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.
БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.
ЩӀэныгъэ псори щыпкъагъэ псори зэрыт Торэт хабзэр уи Ӏэм ӀэщӀэлъу, нэфхэм урагъуазэу, кӀыфӀыгъэм хэтхэми уранэхуу зыболъытэж.
Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.
Я акъылхэр ункӀыфӀащ абыхэм. Нобэр къыздэсым пасэрей зэгурыӀуэныгъэм и тхылъхэм щеджэкӀэ, абыхэм я акъылхэм тепхъуэ тепхъуауэ къонэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь закъуэрщ а тепхъуэр тезыхыжын зылъэкӀыр.
– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ.
Сыт-тӀэ? Израил лъэпкъым къалъыхъуар ягъуэтакъым, ауэ Тхьэм къыхиха цӀыху гупым ягъуэтащ. Къэнахэри ерыщ екӀуащ.
Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым.
Фи бзаджагъэмрэ фи гуэныхьхэмрэ къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу фыщытащ.
Дин пашэшхуэр гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхуу зэрыщытым щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу гъуэща цӀыхухэм гущабагъэкӀэ ядэгъуэгурыкӀуэн лъокӀ.
Ауэ етӀуанэрей пэшым дин пашэшхуэм фӀэкӀа зыри щӀыхьакъым, ари илъэсым зэ нэхъыбэ щӀыхьэу щытакъым. Абы щыгъуэми къурмэныпхъэми лъыр здимыхьу щӀыхьэртэкъым, езым и гуэныхьхэри цӀыхухэм ямыщӀэххэу ялэжьа гуэныхьхэри ипшыныжын щхьэкӀэщ а къурмэныр щӀищӀар.
Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу.