Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Езы Мэссихьыращ пкъым къару езыгъэгъуэтри, пкъыр зэзыпхыурэ пкъы псори зэхэзыгъэувэри, зэщӀэзыубыдэри. Апхуэдэу пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкӀэ, пкъым хохъуэ, фӀылъагъуныгъэкӀи къару нэхъ егъуэт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:16
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Апхуэдэ цӀыхур щхьэуэ щыт Мэссихьым гъусэ хуэхъуркъым. Щхьэр арщ пкъыр зэзыпхыу, къупщхьэ зэрытыпӀэхэмкӀи хуэхэмкӀи пкъы псоми къару езыгъэгъуэту, ар зэщӀэзубыдэр. Апхуэдэу, Тхьэр зэрыхуейм тету пкъым зеужь.


– Жызумыпкъыр сэращ, къудамэхэр фэращ. ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъумэ, езыри сэ си псэм сыт щыгъуи щыщ хъумэ, а цӀыхум фӀыгъуэ куэд къыпыкӀынущ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фэ сывимыгъусэмэ, зыри фщӀэн флъэкӀынукъым.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ.


Аращи, мы Ӏуэхуищыр мыкӀуэдыжынщ: фӀэщхъуныгъэр, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр, фӀылъагъуныгъэр. Абыхэм ящыщу нэхъ иныр фӀылъагъуныгъэр арщ.


ФӀылъагъуныгъэр ди гум илъу, щыпкъагъэр къыжытӀэурэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи Мэссихь хуэдэ дыхъуурэ зыдужьынущ. Езыращ щхьэр.


Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.


Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.


Тхьэм сызэрелъэӀур щӀэныгъэрэ зэхэщӀыкӀ псомрэ ящӀыгъуу, фӀылъагъуныгъэ нэхъ куэд зэпымыууэ фиӀэну арщ.


Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,


Тхьэм къысхилъхьа лъэкӀыныгъэм тету, мы Ӏуэхур згъэзэщӀэну абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ саугъэту къызэрызитри, мы хъыбарыфӀым сыхуэлэжьэну сигъэуващ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.


Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,


Апхуэдэу Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр дощӀэ икӀи а фӀылъагъуныгъэм дыщогугъ. Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ. ФӀылъагъуныгъэр зи гум илъ цӀыхур Тхьэм и псэм щыщщ, Тхьэри а цӀыхум и псэм хэлъщ.


Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.


Дэ фэ фӀыуэ фызэрытлъагъум хуэдэу, Зиусхьэным нэхъыфӀыжу зэпымыууэ фызэригъэлъагъужын, цӀыху псори зэпымыууэ фӀыуэ фигъэлъагъун ирехъу.


Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.


Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: Дэ псоми щӀэныгъэ зэрыдиӀэр дощӀэ. ЩӀэныгъэм цӀыхухэм закъыфӀегъэщӀыж, фӀылъагъуныгъэм цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр куэдщ, ауэ а псоми ялэжь Ӏуэхухэр зыкъым.


ЩӀакхъуэр зы закъуэу зэрыщытым щхьэкӀэ, дэ дыкуэду щытми, дызщ; а щӀакхъуэ закъуэм дэ ди Ӏыхьи хэлъщи.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ