Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 ФӀылъагъуныгъэр ди гум илъу, щыпкъагъэр къыжытӀэурэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи Мэссихь хуэдэ дыхъуурэ зыдужьынущ. Езыращ щхьэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:15
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, псалъэмрэ бзэмрэ я закъуэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъукӀэ ирикъунукъым. ФӀы щӀэныгъэрэ пэжыгъэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ.


Аращи, пцӀы упсыныр зыхэвни, хэти езым и гъунэгъум щыпкъагъэр щытрырет, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псори зыпкъ закъуэм дыщыщщ.


Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


Зиусхьэн Хьисэщ унэ псори зэтезыгъэувэр, езыр а унэм зэрисым щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэ лъапӀэ хъуну зеӀэт.


ЩыӀэ псори Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэри, псоми я щхьэу икӀи члисэ зэхуэсым и щхьэу щытыну Тхьэм ар игъэуващ.


КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.


Фи фӀылъагъуныгъэр пэж ирехъу. Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зыфщӀ, фӀыгъуэм и ужь фит.


Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.


Мэссихь члисэ зэхуэсым и щхьэу зэрыщытым хуэдэу, лӀыри и фызым и щхьэу щытщ. Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъыу щытщ, езыращ а пкъыр мыкӀуэду къезыгъэлыр.


ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ.


ШыкӀэ пшынэкӀэ щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, уэрэд хужыфӀэ бзэпсипщӀ зытелъ пшынэ дыкъуакъуэкӀэ.


Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, ауэ нэгъуэщӀхэм яӀэ егугъуныгъэшхуэм хуэзгъадэурэ, фэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэм и щыпкъагъэр згъэунэхуну сыхуейщ.


Мыр фщӀэну сыхуейщ: Дэтхэнэ лӀыми и щхьэр Мэссихьщ, дэтхэнэ фызми и щхьэр и лӀырщ, Мэссихь и щхьэри Тхьэр арщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ