Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:14
44 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым.


Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.


ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.


Тхьэм и псалъэхэр зэӀызыгъыхьэ цӀыху куэдым дахуэдэкъым. Мэссихь ди псэм щыщу, щыпкъагъэ ди гум илъу, Тхьэм дрилӀыкӀуэщи, езым и пащхьэм абы и псалъэхэр цӀыхухэм щахудоӀуатэ.


Ауэ шэч химылъхьэу фӀэщхъуныгъэкӀэ ирелъэӀу, Тхьэм шэч хуэзыщӀыр хы толъкъуным адэкӀи мыдэкӀи зэридзу ихьым хуэдэщи.


Тхьэм и Ӏэщэ-фащэ псомкӀи зыфгъэпс, шейтӀаным и гъэпцӀагъэ мурадхэм фапэувыжын щхьэкӀэ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхугъуэхэр цӀыхухэм щамыдэну зэманыр къэкӀуэнущ. ЦӀыхухэм я тхьэкӀумэхэм псалъэ дыгъэлхэр ирагъаӀуэурэ, я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр езыгъэщӀэн егъэджакӀуэхэр къагъуэтынущ.


ФыщызэдэшхэкӀэ, апхуэдэ цӀыхухэр фэркӀэ укӀытэгъуэ мэхъу: КъыщывдэшхэкӀэ нэмыс яхэлъкъым, загъэнщӀыркъым. Ахэр уэшх къызыхэмыкӀыу, жьым зэрихуэ пшэхэм хуэдэщ. Бжьыхьэм зыри къызыпымыкӀэу, зи лъабжьэр къыхатхъауэ, тӀэу лӀа жыгхэрщ зыхуэдэр ахэр.


Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.


Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар?


Бегъымбар нэпцӀ куэд къежьэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


Тхьэм и гъуэгум фытезыгъэкӀыну и ужь итхэм ятеухуауэ мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх.


ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж.


ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ.


Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм абы теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ: – Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа?


Мэссихь щывмыщӀэм щыгъуэ, тхьэ нэпцӀ бзагуэхэм фыкъызэрырашэкӀам хуэдэу, а тхьэ нэпцӀхэм я деж фыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.


– Ауэ уэ абыхэм уемыдаӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщу лӀы плӀыщӀым щӀигъу Паул яукӀын мурад щэху яӀэу поплъэ. Абыхэм ар ямыукӀауэ мышхэну икӀи емыфэну тхьэ яӀуащ. Загъэхьэзырауэ, уи унафэм поплъэри щысщ.


Уэ, ди Тхьэ! Дебгъэзащ дэ, дызэхэпкъутащ, укъытхуэгубжьащ: зыкъытхуэгъазэ.


А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.


Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.


Кхъухьхэми феплъ. Ахэр инщ, жьышхуэхэми яху. Апхуэдэу щыт пэтми, кхъухьзехуэм къухьыр хьэнцэ цӀыкӀукӀэ здыхуеймкӀэ еунэтӀ.


Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуагъащӀэхэм ящыщу щыт хъунукъым. Апхуэдэу щымытмэ, зыкъыфӀэщӀыжынурэ, шейтӀаныр къуаншэ зэрыхъуам хуэдэу, ари къуаншэ хъунущ.


Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы зэманым и цӀыхухэм акъылыфӀагъэу жыхуаӀэр Тхьэм дежкӀэ делагъэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэр я акъылыфӀагъэ жыхуаӀэмкӀэ Тхьэм иубыдынущ».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ