Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:13
34 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыр доӀуатэ. Дэтхэнэ зы цӀыхум МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и пащхьэм цӀыху нэгъэсауэ идгъэувэн щхьэкӀэ, акъылыфӀагъэ псомкӀи гурыдогъаӀуэ икӀи идогъащӀэ.


А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэакъылыгъу фищӀащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыӀуэныгъэмкӀэ фыхущӀэкъу.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Шхыныгъуэр – зи ныбжь нэсахэм щхьэкӀэщ. Абыхэм фӀымрэ емрэ ягукӀэ зэхагъэкӀыфу еса хъуурэ, ар хьэл-щэн яхуэхъуащ.


Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун


Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.


Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъым хуэдэщ. ДэнэкӀи щыӀэ псори нэгъэса зыщӀ Мэссихь члисэ зэхуэсым нэгъэсауэ хэлъщ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ.


Унафэхэмрэ хабзэхэмрэ зэрыт Торэт хабзэр лъэныкъуэ иригъэзащ абы. Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар, цӀыхухэр зэригъэкӀужкӀэрэ, а лъэпкъитӀыр зы лъэпкъыщӀэ игъэхъун папщӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.


Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.


ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.


Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.


– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.


ГъащӀэ щыпкъэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощӀэ, ди фӀэщ хъуащ.


Апхуэдэу щытми, акъылыфӀагъэ зыхэлъ хъыбару Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ гурыӀуэныгъэ нэгъэса зиӀэ цӀыхухэм яхуэтэӀуатэ. Ау а акъылыфӀагъэр мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэу кӀуэдыжынухэм я акъылыфӀагъэр аракъым.


Си бынхэ, лъхугъэм гугъу иригъэхь цӀыхубз сыхуэдэщ фэр щхьэкӀэ, Мэссихь фи псэм щыщ хъуху.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.


Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэну сыхуейщ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къыхэкӀ лъэкӀыныгъэр зыхуэдэри зэзгъэщӀэну сыхуейщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм си Ӏыхьэр яхэлъыну, ар щылӀэм зэрыщытам хуэдэу, сэри сыхъуну сыхуейщ.


Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ