Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 А щэхур мыращ: Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэм я псэм щыщ хъууэ хъыбарыфӀыр зэращтам щхьэкӀэ, Тхьэм израил лъэпкъым къалъигъэс ӀыхьэфӀыр абыхэми къалъегъэс; а лъэпкъхэри израилхэм ящӀыгъуу зы пкъым щыщщ, Тхьэм израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа ӀуэхуфӀхэм абыхэми я Ӏыхьэ хэлъщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:6
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мэссихь дызэригъэгугъар мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.


Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.


Мэссихь ди щхьэхэр къыщӀищэхужар Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа нэфӀ щыхуэныгъэр езы Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэми ялъигъэсын папщӀэщ. Апхуэдэ щыхъукӀэ дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр дигухэм къарилъхьэнущ.


Фэ Мэссихь фрипкъщ, фэ фщыщ дэтхэнэ зыри а пкъым щыщщ.


Апхуэдэ цӀыхур щхьэуэ щыт Мэссихьым гъусэ хуэхъуркъым. Щхьэр арщ пкъыр зэзыпхыу, къупщхьэ зэрытыпӀэхэмкӀи хуэхэмкӀи пкъы псоми къару езыгъэгъуэту, ар зэщӀэзубыдэр. Апхуэдэу, Тхьэр зэрыхуейм тету пкъым зеужь.


Пкъым и пкъыгъуэхэр куэд хъуми, пкъыр зыщ. А пкъыгъуэхэр куэд хъуми, псори а зы пкъым щыщщ. Мэссихь и Ӏуэхури апхуэдэщ.


Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.


Тхьэм и мурад щэхур къысхуигъэнахуэри сигъэщӀащ, кӀэщӀу нызэрыфхуэстхам хуэдэу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ