Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Мы тхылъым фыщеджэкӀэ, Мэссихь теухуа щэхур зэрэзэхэсщӀыкӀым гу лъыфтэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:4
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.


Аращи, Мэссихь хуэлажьэу, Тхьэм и щэхухэр зи пщэм къыдилъхьа цӀыхуу далъытэн хуейщ.


ПсэлъэнкӀэ сымыӀэзэми, щӀэныгъэкӀэ сыӀэзэщ. ЩӀэныгъэкӀэ сызэрыӀэзэр сыт и лъэныкъуэкӀи сыт щыгъуи къыфхуэзгъэнэхуащ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу.


А псалъэхэм яхэлъ щэхур щэхушхуэщ: Сэ къызэрызгурыӀуэмкӀэ, а псалъэхэр зытеухуар Мэссихьрэ члисэ зэхуэсымрэщ.


Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ сопсалъэ. Аращи, «еплъ пэтми, абыхэм ялъагъунукъым, даӀуэ пэтми, къагурыӀуэнукъым».


Я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжу, фӀэщхъуныгъэм и щэхур яӀыгъын хуейщ.


Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.


Тхьэм и мурад щэхур къысхуигъэнахуэри сигъэщӀащ, кӀэщӀу нызэрыфхуэстхам хуэдэу.


Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым.


А хъыбарыфӀыр блэкӀа лъэхъэнэхэмрэ щӀэблэхэмрэ къащыщӀэдзауэ Тхьэм цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щыта щэхущ. Тхьэм а щэхур и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэнэхуащ иджы.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ