19 А фӀылъагъуныгъэу щӀэныгъэ псоми къамыубыдыфынур фщӀэн ирехъу, Тхьэм и хьэл-щэн псори фхэлъын щхьэкӀэ.
Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъым хуэдэщ. ДэнэкӀи щыӀэ псори нэгъэса зыщӀ Мэссихь члисэ зэхуэсым нэгъэсауэ хэлъщ.
Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.
Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.
Тхьэм къыбгъэдэкӀ гузэгъэгъуэу цӀыхухэм къагурыӀуэфынум нэхърэ куэдкӀэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, къихъумэнущ итӀанэ.
Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.
Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.
Фи лъабжьэхэр фӀылъагъуныгъэм тещӀыхьауэ икӀи фэ абы фытету, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фрагъусэу, Мэссихь и фӀылъагъуныгъэм и бгъуагъри, и кӀыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри къывгурыӀуэн флъэкӀыну Тхьэм солъэӀу.
Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.
ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.
Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икӀи хуэлӀэхэр, абыхэм яхурикъун щыпкъагъэ ягъуэтынущи.
Мэссихь члисэ зэхуэсыр фӀыуэ илъагъуу, и псэр абы зэрыщӀитам хуэдэу, дэтхэнэ лӀыми и фызыр фӀыуэ ирелъагъу.
Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым щӀыгур зэраубыдар, я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр къахуэзыхьар – Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ, уи нэгу и нэхугъэкӀэщ; сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ.
Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм хэт дыбгъэдэзыгъэкӀын зылъэкӀынур? Гузэвэгъуэ дыхэтми, гухэщӀыгъуэ диӀэми, гугъуехь дагъэшэчми, дымэжэщӀалӀэми, щыттӀэгъэн димыӀэми, шынагъуэ дыхэтми, джатэкӀэ дагъэшынэми – мы къыжытӀа псоми Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдагъэкӀын ялъэкӀынукъым.
уафэм сыт ищӀыс щыӀэми, щӀы щӀагъым сыт ищӀыс щыӀэми, а фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфӀэкӀынукъым. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ зыми Тхьэм Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным къыдигъэлъагъуну ищӀа фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын лъэкӀынукъым.
Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.