Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Фи лъабжьэхэр фӀылъагъуныгъэм тещӀыхьауэ икӀи фэ абы фытету, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фрагъусэу, Мэссихь и фӀылъагъуныгъэм и бгъуагъри, и кӀыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри къывгурыӀуэн флъэкӀыну Тхьэм солъэӀу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:18
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Езым и ныбжьэгъухэм папщӀэ зи псэр зыт цӀыхум и фӀылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фӀылъагъуныгъэшхуэ щыӀэкъым.


Бзухэм абгъуэ щащӀ абыхэм, псейр и псэупӀэщ псыхэуэм.


А фӀылъагъуныгъэу щӀэныгъэ псоми къамыубыдыфынур фщӀэн ирехъу, Тхьэм и хьэл-щэн псори фхэлъын щхьэкӀэ.


Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.


Аращи, Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фӀылъагъуныгъэу фиӀэмрэ я хъыбар щызэхэсхам къыщыщӀэдзауэ,


Уэ, Цион къалэ, Зиусхьэным, уи Тхьэм, иӀыгъынщ тепщэныгъэр игъащӀэкӀэ – щӀэблэм щӀэблэр кӀэлъыкӀуэу. ЩӀыхьыр ейщ Зиусхьэным!


Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


Тхьэм и мураду игъуэ къыщыскӀэ игъэзэщӀэнур уафэми щӀылъэми щыӀэ псори зы ищӀурэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувэну аращ.


Зиусхьэным жесӀащ сэ: «Уэ узи-Тхьэщ»; къызэхэх, Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу макъ!


Мэссихь ХьисэкӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэтхащи.


Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэр, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гъусэ ирехъу псоми. Ӏэмин.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ