16 Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу,
Сыт ищӀысымкӀи теубыдагъэрэ шыӀэныгъэрэ фиӀэн щхьэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэ псомкӀэ фи гур Тхьэм ирегъэбыдэ.
ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.
Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.
Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.
ИкӀэм-икӀэжым, Зиусхьэным и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къару зивгъэӀэ.
Ауэ Зиусхьэным къызжиӀащ: «Сэ си нэфӀ нызэрыпщыхуэр уэркӀэ ирикъунущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ лъэкӀыныгъэ уимыӀэ щыхъукӀэ, си лъэкӀыныгъэшхуэр нэхъ къолъагъуэ». Мэссихь и лъэкӀыныгъэ схэлъ хъун щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ зэрызимыӀэмкӀэ нэхъ си гуапэу сызыщытхъужынущ.
Мэссихь Хьисэ фи гум хэлъщи, щӀыхьышхуэ зиӀэ и къулеигъэшхуэм хуэфащэу си Тхьэм фызыхуэныкъуэ псори къывитынущ.
Зиусхьэным и макъым губгъуэ нэщӀыр егъэзджыздж; Зиусхьэным Кадеш губгъуэ нэщӀыр егъэгулэз.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ,
Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ.
СызекӀуэми, зызгъэпсэхуми, Уэ къыздыбощӀэ сэ. Си гъуэгу псоми уащыгъуазэщ Уэ.
Тхьэр абыхэм щӀащысхьар гущӀэгъу зыхуищӀ цӀыхухэу щӀыхьышхуэ зиӀэ хъуну игъэпсахэм езым и щӀыхьышхуэм и инагъыр яригъэщӀэну арщ.
Хамэ лъэпкъхэмкӀэ щӀыхьышхуэ гъэщӀэгъуэну а щэхум хэлъыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яригъэщӀэну игъуэу илъытащ. А щэхур мыращ: Мэссихь фи псэм щыщщ, ари фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ фиӀэ зэрыхъуным фыпоплъэ, абы фыщыгугъыу.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,
Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр ищэхужащ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуащ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм тету.
мафӀэшхуэхэри ягъэункӀыфӀащ, джатэхэм къаӀэщӀэкӀыжащ. ГуащӀэмащӀэу щытами, къару яӀэ хъуащ. ЗэуэнкӀэ лъэкӀыныгъэ яӀэ хъуащ, хамэхэм я дзэхэр ирахужащ.
атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.
Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ.
Журт пэжу щытыр зигукӀэ журту щытыр арщ. Сунэт пэжу щытыр сунэту гум илъыр арщ. Ар къызыхэкӀыр тхар аракъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Апхуэдэ цӀыхум и щӀыхьыр цӀыхум деж къикӀыркъым, атӀэ Тхьэм дежщ къыздикӀыр.
Езыращ Адэ лъапӀэу уафэми щӀылъэми щыӀэ унагъуэ псоми я цӀэр къызытекӀыр.
Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.