Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Езыращ Адэ лъапӀэу уафэми щӀылъэми щыӀэ унагъуэ псоми я цӀэр къызытекӀыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:15
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и мураду игъуэ къыщыскӀэ игъэзэщӀэнур уафэми щӀылъэми щыӀэ псори зы ищӀурэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувэну аращ.


Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэ псоми, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ псоми, пашэ псоми, мы дунейм и мызакъуэу, къэкӀуэну дунейми зи цӀэ къыщыраӀуэ псоми Тхьэм Мэссихь япщ ищӀащ.


ТекӀуэныгъэр къэзыхьыр си Тхьэм и унэшхуэм пкъоууэ щӀэзгъэувэнущ, а унэшхуэми зэи щӀэкӀыжынукъым. Си Тхьэм и цӀэрэ си Тхьэм и къалэшхуэу ЕрусалимыщӀэм и цӀэрэ а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ. А къалэр си Тхьэуэ уафэм щыӀэм деж къикӀыу къехынущ. Сэ цӀэщӀэу сиӀэри а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.


И Къуэм жорым лъыуэ щыщӀэкӀамкӀэ, Тхьэм езым дызригъэкӀужурэ, и Къуэм къыпкъырыкӀыу щӀылъэми уафэми щыӀэ псори езым зригъэкӀужащ.


Члисэ зэхуэсым щыщхэм я гъусэу зэхуэсурэ, цӀыху куэдым Тхьэм и псалъэхэр илъэс псокӀэ яригъэщӀащ. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм «чыристанкӀэ» еджэ япэ дыдэ щыхъуар Антиохиерщ.


Аращи, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу соувэ.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ