Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:1
30 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.


Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.


итӀани фӀылъагъуныгъэкӀэ сынолъэӀумэ нэхъ къызощтэ. Сэ, Паул, лӀыжьыр, Хьисэ Мэссихь зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щӀэсыр,


Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.


Сэ сы-Паулщ. Хьисэ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ. ФӀыуэ тлъагъуу, къыддэлажьэ Филимон, члисэ зэхуэсым щыщу уи унэм щызэхыхьэхэм,


Дзэ пашэм щӀалэр зыщӀигъущ, дзэпщым деж кӀуэри, жриӀащ: – Ди лъэхъуэщым щӀэс Паул зи цӀэр къызэджэри, мы щӀалэм зыгуэр къыбжиӀэн щхьэкӀэ, уи деж къэсшэну къызэлъэӀуащ.


– Ауэ мы Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм фаубыдынущ икӀи гугъуехь фагъэшэчынущ. Синэгуэгухэм фратынущ, лъэхъуэщым фыщӀадзэнущ икӀи пащтыхьхэмрэ Ӏэтащхьэхэмрэ я пащхьэм фрашэнущ.


Мэссихь Хьисэ зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадзауэ къыздыщӀэс Епафрас фӀэхъус къуехыж.


– ПсынщӀэми мыпсынщӀэми, уэ уи мызакъуэу, нобэ сызэхэзыха псори сэ схуэдэ хъуну, ауэ Ӏэхъулъэхъу ярымылъыну Тхьэм солъэӀу, – жиӀащ Паул.


Онесифор и унагъуэм гущӀэгъу къыхурещӀ Зиусхьэным, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы си гур куэдрэ игъэзэгъащ, Ӏэпхлъэпх сыщащӀами и щӀыб кэысхуигъэзэжакъым.


Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.


Ахэр Мэссихь хуэлажьэрэ? Абыхэм нэхърэ нэхъыбэу сыхуолажьэ – акъыл зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ. Абыхэм нэхърэ нэхъыбэрэ сылэжьащ, нэхъыбэри лъэхъуэщым сисащ, цӀыхухэр нэхъыбэри щӀопщкӀэ къызэуащ, ажалым и гъунэгъу нэхъыбэри сыхъуащ.


ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.


Арати, дзэпщыр зауэлӀхэм ябгъэдыхьэри, Паул яригъэубыдащ. Абы гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэну унафэ яхуищӀащ. ЦӀыхухэм еупщӀащ итӀанэ: – Мыр хэт? Сыт ищӀар?


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


Аращи, си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, гугъуехь зэрысшэчым щхьэкӀэ фи гур фымыгъэныкъуэну сыныволъэӀу. Сэ сшэч а гугъуехьым фэркӀэ фӀы хэлъщ.


Си къуэшхэ, цӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ иджы яжесӀамэ (сэ жысӀауэ жаӀэу, цӀыхухэм пцӀы къызэрыстралъхьэм хуэдэу), сыт цӀыхухэм гугъу иджыри сыщӀрагъэхьыр? ЦӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ яжесӀатэмэ, абы щыгъуэ Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым цӀыхухэм я гу иримыхьын гуэри къыхэнэнтэкъым.


Сэ, Паул, нывжесӀэм федаӀуэ, цӀыхухэм сунэт зевгъэщӀмэ, Мэссихь и фӀагъ къывэкӀынукъым.


Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.


Дэ гузэвэгъуэ дыщӀыхэтыр Тхьэм фэ фигу игъэзэгъэн икӀи фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэщ. Тхьэм дигу къыщӀигъэзагъэр дэ тшэч гугъуехьхэм хуэдэхэр теубыдагъэкӀэ фшэчын флъигъэкӀыурэ, фигу игъэзэгъэн щхьэкӀэщ.


Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,


Тхьэм а Ӏуэхур игъэзэщӀащ, Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэным иригъэгъэзэщӀа зэи мыкӀуэдыжын мурадым тету.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ