Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:2
64 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ.


Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ.


Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


– Иджы мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ Тхьэм. Мы дунейм и тепщэр тридзынущ абы иджы.


Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


Фи псэукӀэжьым щыщу фи щэныжь бзаджэр зыхэвнын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэу фыкъэзыгъапцӀэхэмкӀэ фигъэунэхъуну хэтащ.


Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и быну щыт дэтхэнэри дуней гуэныхьхэм токӀуэ. Мы дуней гуэныхьхэм дазэрытекӀуэр ди фӀэщхъуныгъэр арщ.


Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.


Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу.


Благъуэжьу, иблискӀэ е шейтӀанкӀэ зэджэ блэжьыр иубыдри, илъэс минкӀэ Ӏэпхлъэпх ищӀащ мелыӀычым.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи.


Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.


Тхьэм икъукӀэ фыпэмыжыжьэу фыщытащ пасэм, фигукӀэ фрибийуэ бзаджагъэхэр фщӀэуэ.


Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.


Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.


Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.


Сэ зи гугъу сщӀыр мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу зинэ зыщӀэхэр, нэпсейхэр, хъунщӀакӀуэхэр, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэр аракъым. Апхуэдэу щытамэ, дунейм фытекӀыжын хуейт.


Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?


Фэ дунейм фыщыщу щытатэмэ, мы дунейм и цӀыхухэм езыхэм яхуэдэу фӀыуэ фыкъалъагъунт. Иджы зэрыщытымкӀэ, мы дунейм фыщыщкъым, ауэ мы дунейм фи Ӏыхьэр хэмылъыну сэ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъыхэсхащ. Аращ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу щӀэмыхъур.


Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым.


Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.


Тхьэм цӀыхухэм ятрищӀыхьыну хьэкумыр зыхуэдэри захригъэщӀыкӀынущ, Тхьэм мы дунейм и тепщэр игъэкъуэншакӀэщи.


Иудэ а щӀакхъуэ бзыгъэр щищтэм, шейтӀаныр абы игу ихьащ. – ПщӀэну уигу илъыр щӀэхыу щӀэ, – жриӀащ Хьисэ абы.


Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.


– Фэ и лъабжьэм фыщыщщ, сэ и щхьэм сыщыщщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Фэ мы дунейм фыщыщщ, сэ мы дунейм сыщыщкъым.


Дунейм и цӀыхухэм фэ жагъуэу фалъагъуфынукъым, ауэ сэ сыкъалъагъу хъуркъым. Абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр зэрыӀейр къыщӀызогъэщри, аращ сыкъалъагъу щӀэмыхъур.


– Хьэсэ хъужыр дунейр арщ. ЖылэфӀ хъужыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* щӀэт цӀыхухэр арщ. Ежьужь хъужыр шейтӀаным и цӀыхухэр арщ.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.


Апхуэдэ цӀыхур иремыгугъэ Тхьэм зыгуэр къритыну.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.


ИкӀэм-икӀэжым къалэм и тхакӀуэм цӀыхухэр игъэсабырыжри жиӀащ: – Ефес дэс лӀыхэ! Тхьэ гуащэшхуэ Артемидэрэ абы и сурэту уафэм къехамрэ я хъумакӀуэу Ефес къалэр зэрыщытыр зымыщӀэ цӀыху щыӀэ?


– Симон, Симон, къэдаӀуэ. МэкъумэшыщӀэм гуэдзымрэ хьэуазэмрэ зэрызэхигъэкӀым хуэдэу, фигъэунэхун щхьэкӀэ, шейтӀаным Тхьэм хуитыныгъэ къыӀихащ.


– Апхуэдэу щыхъум, тепщэр и унэзехьэ хьилэщым щытхъуащ, зэрыӀущым щхьэкӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм тет цӀыхухэр зэрызэхущытымкӀэ нэху щыпкъым щызекӀуэ цӀыхухэм нэхърэ нэхъ Ӏущщ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.


Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.


Ебланэ мелыӀычым и фалъэм итыр жьым хикӀащ. Тхьэм и унэшхуэм щӀэт тахътэм макъышхуэ гуэр къиӀукӀри, жиӀащ итӀанэ: «Ӏуэхур уха хъуащ».


Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.


ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэри, беягъэм и пцӀымрэ, нэгъуэщӀ Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм щӀэхъуэпсынри я гум хыхьэурэ, Тхьэм и псалъэу я гум илъхэр ятхьэлэурэ, а цӀыхухэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.


Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэ псоми, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ псоми, пашэ псоми, мы дунейм и мызакъуэу, къэкӀуэну дунейми зи цӀэ къыщыраӀуэ псоми Тхьэм Мэссихь япщ ищӀащ.


Аращи, фэ, хамэ лъэпкъыу къалъхуахэр, фыкъэдаӀуэ. Сунэт ящӀахэр (сунэт ӀэкӀэ ящӀахэращ жыхуэсӀэхэр) фэ, «сунэт ямыщӀакӀэ» зэджэхэм, мыр фи гум къэвгъэкӀыжын хуейщ:


Ауэ иджы, Мэссихь фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фэ, зэгуэрым Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэр, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ Тхьэм гъунэгъу фыхуэхъуащ.


Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.


Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ