ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр18 Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ, а зы Псэ ЛъапӀэр ди псэм хэлъурэ, тӀури Адэ лъапӀэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ дэ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.