Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Мэссихь къакӀуэри, фэ, Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэми, абы и гъунэгъуу щыта цӀыхухэми, зэкӀужыныгъэм и хъыбарыр къывигъэщӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:17
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр къызыхуригъэхыну игъэгугъар фэращ, фи бынхэращ, дэни щыпсэу цӀыхухэрщ – езым и бын хъуну Зиусхьэну ди Тхьэм къыхуриджа цӀыхухэрщ.


Аращи, фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀэу Тхьэм декӀужауэ щытщ.


И лъэпкъым гуащӀэ хилъхьащ Абы, и лъэпкъым щӀыхь хуищӀын папщӀэ, израил лъэпкъыу Езым игу пэблагъэм Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ!


Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж.


«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».


Унэм щӀэсхэр а фӀэхъус псалъэм хуэфащэмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэ къаритынущ, ауэ хуэмыфащэу къыщӀэкӀмэ, гузэгъэгъуэм фи деж кърырегъэзэж.


Сыту жыпӀэмэ Уэ уин дыдэщ, Ӏуэху гъэщӀэгъуэнхэр Уэ пхузэфӀокӀ. Уэ зызакъуэрщ Тхьэр.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ пшынэкӀэ дожьу. Асаф и уэрэд. Уэрэд


Ауэ ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ ямыӀэмэ, дауэ зэрелъэӀунур? Абы и хъыбари зэхамыхамэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъунур? Абы и хъыбари зыми яхуимыӀуатэмэ, дауэ зэрызэхахынур?


Мэссихь и хъыбарыр фэ зэхэфхащ, езыри фи псэм щыщу, абы хэлъ щыпкъагъэр зэхэфщӀыкӀащ.


– Абы ещхьу, цӀыхубз гуэрым дыжьын ахъшипщӀ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэ щӀигъанэу ахъшэр къигъуэтыжыхукӀэ, хуэсакъыпэу лъыхъуэурэ, унэ псор щӀищыкӀыркъэ?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ