Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Унафэхэмрэ хабзэхэмрэ зэрыт Торэт хабзэр лъэныкъуэ иригъэзащ абы. Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар, цӀыхухэр зэригъэкӀужкӀэрэ, а лъэпкъитӀыр зы лъэпкъыщӀэ игъэхъун папщӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:15
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Унафэхэри дэщӀыгъуу, ди щӀыхуэхэр зэрыт тхылъым и лъэкӀыныгъэр Тхьэм игъэкӀуэдащ. А тхылъыр къытпэуващ, ауэ Тхьэм ар Мэссихь и жорым ириӀулӀри, лъэныкъуэ иригъэзащ.


Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».


Тхьэм «зэгурыӀуэныгъэщӀэ» жиӀэу къызэрыжиӀамкӀэ япэрей зэгурыӀуэныгъэр жьы зэрыхъуар къигъэлъэгъуащ. Сыт ищӀысри жьы хъуауэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэр куэд мыщӀэу кӀуэдыжынущ.


щэныщӀэфӀыр фащэ хуэдэу зэфшэкӀащ. Тхьэуэ а щэныщӀэфӀыр къэзыгъэхъуам, езым и щэн хуэдэу хъуурэ, а щэныфӀыр зэпымыууэ егъэщӀэращӀэ, езыр зыхуэдэр пэжу зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ.


Мэссихь и гъусэу лӀам фыхуэдэщ, фэ цӀыхухэм мы дунейм теухуауэ яӀэ гурыӀуэныгъэхэм тепщэныгъэ къыфхуаӀэжкъым. АтӀэ Ӏуэхур абы тетмэ, мы дунейм и цӀыхухэм фазэрыщыщым хуэдэу фыпсэуурэ, мыпхуэдэ унафэхэм сыт фыщӀедаӀуэр:


Сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр щӀэрыщӀэу къалъхужауэ дыхъуныр арщ.


Журтрэ алыджу, пщылӀрэ щхьэхуиту, цӀыхухъурэ цӀыхубзу цӀыхур зэхэгъэж щӀын хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыхэлъым папщӀэ псори зы фыхъуащ.


Езы Мэссихьыращ пкъым къару езыгъэгъуэтри, пкъыр зэзыпхыурэ пкъы псори зэхэзыгъэувэри, зэщӀэзыубыдэри. Апхуэдэу пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкӀэ, пкъым хохъуэ, фӀылъагъуныгъэкӀи къару нэхъ егъуэт.


Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


Мелхиседек и унагъуэ лъэпкъ къытепщӀыкӀым теухуа хабзэхэмрэ цӀыху унафэхэмрэкъым ар дин пашэ зыщӀар, атӀэ зыми имыгъэкӀуэдыфын гъащӀэм и лъэкӀыныгъэращ дин пашэ зыщӀар.


Апхуэдэу сызытепсэлъыхь Ӏуэхуу, уафэм щыӀэ Ӏуэху пэжхэм я сурэту щытхэр, мы къурмэнхэмкӀэ ягъэкъэбзэжын хуеящ. Ауэ уафэм щыӀэ Ӏуэхухэм а къурмэнхэм нэхърэ нэхъ къурмэныфӀхэр яхуэфащэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езы Мэссихьщ дызэзыгъэкӀужар. Езыращ а тӀур зы зыщӀари, абыхэм яку дэлъа зэбииныгъэм и блыныр ипкъкӀэ къэзыгъэуари.


Зэбииныри жорым щигъэкӀуэду, а тӀур зыпкъ хъуауэ, жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, ахэр Тхьэм иригъэкӀужын папщӀэщ Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар.


Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри, журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.


Мэссихь къывит гузэгъэгъуэм фи гум тепщэныгъэ щрыреӀэ. Зы пкъым фыхуэдэу а гузэгъэгъуэр фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Абы фӀыщӀэ хуэфщӀ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ