Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Аращи, фэ, хамэ лъэпкъыу къалъхуахэр, фыкъэдаӀуэ. Сунэт ящӀахэр (сунэт ӀэкӀэ ящӀахэращ жыхуэсӀэхэр) фэ, «сунэт ямыщӀакӀэ» зэджэхэм, мыр фи гум къэвгъэкӀыжын хуейщ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:11
29 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ар фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сунэт фащӀам фыхуэдэщ. ЦӀыхухэм ӀэкӀэ ящӀа сунэткъым ар, атӀэ къызыпкърыкӀар Мэссихьщ. Ар къыщыхъуар Мэссихь фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр щызыхывигъэна махуэрщ.


Гуэныхь зэрыфщӀам икӀи фигукӀэ сунэт фызэрамыщӀам щхьэкӀэ лӀахэм фахуэдэу фыщытащ, ауэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу фыкъигъэпсэужащ. Ди гуэныхь псори къытхуигъэгъуащ абы.


Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри, журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.


Тхьэм икъукӀэ фыпэмыжыжьэу фыщытащ пасэм, фигукӀэ фрибийуэ бзаджагъэхэр фщӀэуэ.


Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


Дунейм и цӀыхухэм я щытхъум хуейхэращ сунэт зевгъэщӀын хуейуэ фыхэзыгъэзыхьхэр. Апхуэдэу щӀащӀ закъуэр Мэссихь и жорым щхьэкӀэ езыхэм гугъуехь зрамыгъэшэчыну арщ.


Мэссихь щывмыщӀэм щыгъуэ, тхьэ нэпцӀ бзагуэхэм фыкъызэрырашэкӀам хуэдэу, а тхьэ нэпцӀхэм я деж фыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.


Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.


Сунэт ямыщӀа цӀыхум Торэт хабзэм и унафэхэр игъэзащӀэмэ, сунэт ямыщӀа пэтми, Тхьэм ар сунэт ящӀа цӀыхум хуэдэу ибжынукъэ?


Абы щыгъуэ сунэт ямыщӀа цӀыхуу Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм уэ, сунэт ящӀар, уигъэкъуэншэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэу тхар уэ уи Ӏэм ӀэщӀэлъ икӀи сунэт уащӀа пэтми, Торэт хабзэм итхэм уатокӀри.


Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэм ящыщ гуэрхэр Тхьэм къыпищӀыкӀри, уэ, губгъуэм ит зейтун жыг къудамэм хуэдэр, адрей къудамэхэм я пӀэм удигъэкӀащ. Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэ къэнахэм уращӀыгъуу а жыгым и лъабжьэми ипсми я фӀагъ къыуагъэкӀ.


А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ.


– «Ӏуэху дэзыгъэлэжьын дгъуэтакъым», къыжраӀащ абыхэм. – «Фэри фыкӀуи, си жызум хадэм фыщылажьэ. Къэвлэжьыр фэстынщ», яжриӀащ абы.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ