1 Фи бзаджагъэмрэ фи гуэныхьхэмрэ къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу фыщытащ.
Гуэныхь зэрыфщӀам икӀи фигукӀэ сунэт фызэрамыщӀам щхьэкӀэ лӀахэм фахуэдэу фыщытащ, ауэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу фыкъигъэпсэужащ. Ди гуэныхь псори къытхуигъэгъуащ абы.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.
Я зэхэщӀыкӀ кӀыфӀщ, я ерыщыгъэм къыхэкӀкӀи зыри къагурымыӀэу, Тхьэм цӀыхухэм къарит гъащӀэм пэжыжьэщ ахэр.
Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.
Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
Аращ мыпхуэдэу щӀыжаӀэр: «Уэ, жейр, къэушыж, лӀахэм къахэтэджыкӀыжи, Мэссихь нэхур къыптригъэпсэнущ».
Ауэ зызэригъэтхъэжыным фӀэкӀа зыми емыгупсыс фызабэр, псэуми, лӀам хуэдэщ.
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.
ДыгъуакӀуэр къыщӀэкӀуэр дыгъуэн, цӀыхур иукӀын икӀи игъэкӀуэдын щхьэкӀэщ. Сэ сыкъыщӀэкӀуар цӀыхухэм гъащӀэр щызу естыну аращ.
Сардис къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и псиблымрэ и вагъуиблымрэ зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ: Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фыпсэууэ жаӀэ цӀыхухэм, ауэ фылӀащ.
Ауэ иджыпсту дэ дыгуфӀэн икӀи дытхъэн хуейкъэ? Уи къуэш нэхъыщӀэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ».
Мы си къуэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ». Ар жиӀэри, гухэхъуэ Ӏэнэр трагъэуващ.
– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, ауэ уэ си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.
КъыщӀихьащ Зиусхьэным псэм фӀэфӀ мэ дахэр, икӀи жиӀащ Зиусхьэным игукӀэ: – ЦӀыхум и зэранкӀэ афӀэкӀа зэи щӀылъэм нэлат есхыжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и мурадхэр абы и ныбжьыщӀагъэм къыщыщӀэдзауэ Ӏейуэ щытщи; афӀэкӀа зэи псэ зыпыт згъэкӀуэдыжынукъым, Сэ зэ зэрысщӀыгъам хуэдэу.