Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:9
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм дэри ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсащ. Тхьэм иуха мурадым тету а ӀыхьэфӀыр къытлъысыну куэд щӀауэ игъэуващ. Езыращ и мурадымрэ зыхуеймрэ тету Ӏуэху псори зыгъэзащӀэр.


Тхьэм а Ӏуэхур игъэзэщӀащ, Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэным иригъэгъэзэщӀа зэи мыкӀуэдыжын мурадым тету.


Зы цӀыху гуэрым а хъыбарыфӀыр къеӀысхакъым, зыми ар сигъэщӀакъым, езы Хьисэ Мэссихь къысхуигъэнэхуащ а хъыбарыфӀыр.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.


Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Уэ уи лъэкӀыныгъэшхуэкӀи уи гухэлъкӀи къэхъун хуея, уэ ипэкӀэ бгъэува Ӏуэхухэр абыхэм ягъэзэщӀащ.


Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.


Аслъэн шырхэм щыщӀагъэ яӀэщ, мэмэжалӀэ, ауэ Зиусхьэным зыхуэзыгъазэр сыт хуэдэ фӀыгъэми щыщӀэркъым.


«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».


– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.


Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.


Ауэ си анэм и пкъым силъу Тхьэм сыкъыхихащ. И нэфӀ щыхуэныгъэкӀи и бынхэм ящыщ сыхъуну сыкъыхуриджащ. ИтӀанэ и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсын щхьэкӀэ, и Къуэр сигъэлъагъуну Тхьэм игъуэу щилъытэм, зы цӀыху чэнджэщэгъу сщӀакъым.


АкъылыфӀагъэ псоми гурыӀуэныгъэ псоми щӀыгъуу, Тхьэм а нэфӀ щыхуэныгъэшхуэр къытлъигъэсащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ