Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:6
41 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.


Мэссихь Хьисэ фи гум хэлъщи, щӀыхьышхуэ зиӀэ и къулеигъэшхуэм хуэфащэу си Тхьэм фызыхуэныкъуэ псори къывитынущ.


Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.


Дэ, Тхьэм и цӀыхухэм, ди щхьэхэр ищэхужыху, ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди сакъылэтщ, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.


Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Мы псори къыщӀэхъуар фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу цӀыху нэхъыбэм Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр къалъэӀэсыху, цӀыху нэхъыбэм абы фӀыщӀэ хуащӀынущ, и щӀыхьышхуэр нэхъ къагъэлъагъуэурэ.


Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.


Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


Си псэр зыхэзгъэхьэжыну зэрыстыр арщ Адэ лъапӀэм фӀыуэ сыкъыщӀилъагъур.


Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ.


«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».


Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.


икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ.


ИгъащӀэкӀэ сыщрепсэу уи унэшхуэм, Уи дамэ щӀагъым щхьэегъэзыпӀэ сыщреӀэ.


– Сыхьэтыр тхум Ӏуэхур зыублахэр къыщыкӀуэм, лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым абыхэм динар зырыз яритащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ