22 ЩыӀэ псори Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэри, псоми я щхьэу икӀи члисэ зэхуэсым и щхьэу щытыну Тхьэм ар игъэуващ.
Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ.
Мэссихь фи псэм зэрыщыщымкӀэ абы и гъащӀэ нэгъэсауэ фхэлъщ. Ар Ӏэтащхьэ псоми тепщэныгъэ зиӀэ псоми я щхьэщ.
ЩыӀэ псори абы и лъэгу щӀэбгъэуващ». ЩыӀэ псори Тхьэм цӀыхум и лъэгу щыщӀигъэувэм, абы и лъэгу щӀимыгъэувэу зыри къигъэнакъым. Ауэ иджы псори цӀыхум и лъэгу щӀэту тлъагъуркъым.
Апхуэдэ цӀыхур щхьэуэ щыт Мэссихьым гъусэ хуэхъуркъым. Щхьэр арщ пкъыр зэзыпхыу, къупщхьэ зэрытыпӀэхэмкӀи хуэхэмкӀи пкъы псоми къару езыгъэгъуэту, ар зэщӀэзубыдэр. Апхуэдэу, Тхьэр зэрыхуейм тету пкъым зеужь.
Мэссихь члисэ зэхуэсым и щхьэу зэрыщытым хуэдэу, лӀыри и фызым и щхьэу щытщ. Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъыу щытщ, езыращ а пкъыр мыкӀуэду къезыгъэлыр.
Мыр фщӀэну сыхуейщ: Дэтхэнэ лӀыми и щхьэр Мэссихьщ, дэтхэнэ фызми и щхьэр и лӀырщ, Мэссихь и щхьэри Тхьэр арщ.
Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.
Дэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм хэлъу, члисэ зэхуэсым щыщхэм, мыкӀуэдыжын лъэхъэнэу къэкӀуэнухэмкӀи щӀэблэ къэхъунухэмкӀи Тхьэм щӀыхьышхуэр хуэдвгъэщӀ. Ӏэмин.
Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.
Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри.
Сэ ныбжызоӀэ, уэ у-Петрщ, уэ мывэм ухуэдэщ, сэ си члисэр уэ птесщӀыхьынущ икӀи лӀэныгъэм и къарухэр а члисэм пэлъэщынукъым.
Щыпкъагъэ зиӀэм пальмэ жыгым хуэдэу зыкъызэӀуех, Ливаным къыщыкӀ ашэ хуэдэуи зыкъеӀэт.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фи фӀылъагъуныгъэм и хъыбари къытхуиӀуэтащ.
Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэгъуэм уи щӀыхь пхуэсщӀынщ, Зиусхьэн, сигу псори къыздеӀэу.