Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:17
56 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.


ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.


– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс.


А щэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм апостол лъапӀэхэмрэ бегъымбар лъапӀэхэмрэ мы зэманым зэрахуигъэнэхуам хуэдэу, цӀыхухэм я япэрей щӀэблэхэм Тхьэм яригъэщӀэгъакъым.


– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».


Ауэ Стефан и акъылыфӀагъэм щхьэкӀи, и псалъэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжригъэӀам къыхэкӀкӀи пэлъэщын ялъэкӀытэркъым.


ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».


Ауэ фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр – ар Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ, – Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ къыфхуригъэхынущ. Абы псори фигъэщӀэнущ икӀи сэ нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ.


Сызыщытхъужыным фӀагъ къыхэкӀыркъым. Зиусхьэным сигъэлъэгъуа икӀи къысхуигъэнэхуа Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэхэм сатепсэлъыхьынущ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.


Си щӀалэгъуэм гуэныхьу сщӀахэр, си хабзэншагъэхэр уигу ирыремылъ. Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым, уи фӀыгъэм я хьэтыркӀэ уигу сигъэлъ зэпыт, Зиусхьэн!


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, акъылыфӀагъэ зыхэлъ псалъэхэр жиӀэну зы цӀыхум лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм тету, щӀэныгъэ зиӀэ псалъэхэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет;


Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм зыгурэ зы псэкӀэ фи жьэм къыжьэдэкӀыурэ щӀыхьышхуэ хуэфщӀынущ.


Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр аращ. Дунейм и цӀыхухэм ар зэрамылъагъум икӀи зэрамыцӀыхум щхьэкӀэ, ягу ирагъэлъын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ фэ ар фоцӀыху, ар фи гъусэщи икӀи фи гум сыт щыгъуи илъщи.


– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.


И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


И лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжкӀэ, щыпкъагъэкӀэ ядызокӀуэ Зиусхьэныр Абы и зэгурыӀуэныгъэрэ и псалъэ гъуазэхэмрэ зыгъэзащӀэхэм.


«Ӏэмин! ФӀыщӀэшхуэр, щӀыхьышхуэр, акъылыфӀэгъуэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, къаруушхуэр игъащӀэкӀэ зейр ди Тхьэрщ. Ӏэмин!»


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм сыхуолажьэ, Хьисэ Мэссихь и апостолуи сыщытщ. Апостол сыщӀэхъуар Тхьэм къыхиха цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ сщӀын, Тхьэм и гъуэгум теухуа щыпкъагъэр езгъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Си къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу щӀыхьышхуэ зыбгъэдэлъымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, цӀыхухэм я фэм фемыплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щытын хуейщ.


Иджы, си къуэшхэ, фи деж сынакӀуэу, сымыщӀэ бзэкӀэ сыкъэпсалъэмэ, сыт си фӀагъыу къывэкӀынур? Тхьэм къысхуигъэнэхуа Ӏуэхухэр вжезмыӀэу, е щӀэныгъэ фэзмыту, е Тхьэм езым и псалъэу си гум кърилъхьэхэр жызмыӀэмэ, е Ӏуэху гуэрхэр фэзмыгъащӀэмэ, си фӀагъыу зыри къывэкӀынукъым, пэжкъэ?


жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм асыхьэт дыдэм фигъэщӀэнущи.


«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».


Зиусхьэн, си Тхьэ! СынолъэӀуати, Уэ сыбгъэхъужащ сэ.


Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.


Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.


Ди къуэшхэри ди адэхэри фыкъэдаӀуэ! – жиӀащ Стефан. – Ди адэшхуэ Ибрэхьим Харан къалэм дэтӀысхьэн и пэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэр абы Месопотамием къыщыхуэлъэгъуащ.


Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.


Мэссихь и Ӏуэхухэм теухуауэ щыщӀагъэ зимыӀэ цӀыху нэгъэса хъуауэ дэ тщыщу дэтхэнэри апхуэдэу гупсысэн хуейщ. Ӏуэху гуэрым теухуауэ нэгъуэщӀ гупсысэкӀэ фиӀэмэ, Тхьэм ари нахуэ къыфхуищӀынущ.


– Зиусхьэн, ди нитӀыр къытхуэбгъэплъэжынырщ дызы-хуейр, – къыжраӀащ абыхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ